Хъутlбэр зытеухуар: «Мухьэррэм мазэм ехьэлIауэ» (6 Мухаррам, 1446 - 12 июля, 2024).
Вставка
- Опубліковано 29 лис 2024
- Иджыпсту дызыхыхьауэ дызыхэт Мухьэррэм мазэмкIэ муслъымэн илъэсыщIэр къиублащ.
Мы мазэр адрейхэм къахигъэщу бегъымбар лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым, абы “Алыхьым и мазэ” фIищауэ хьэдис пэжхэм къыщокIуэ. (Муслим: 1163).
Мы мазэм и лъапIагъыр нэгъуэщIу къэзыгъэлъагъуэхэм ящыщщ лIыкIуэм я нэхъ лъапIэм, гьэлейхищ-щэлату уэс-сэламым, жиIар: “Рэмэданым иужькIэ унэщIыну щынэхъыфIыр Алыхьым и мазэ Мухьэррэмращ“. (Муслим: 1163).
Алыхьым и мазэм щыблэжьыну нэхъыфI дыдэу щыIэр Езы Алыхьым хухэха дыдэу щыт лэжьыгъэращ. Ар - нэщI Iыгъынращ. Мис а гупсысэр Ибн Рэджэб щIэныгъэлI цIэрыIуэм, Алыхьым и рэхьмэтым зылъигъэсыным, къыхихащ нетIэ дыкъызэджа хьэдисым. (Ибн Рэджэб “ЛэтIаIиф Iэл-Мэгьариф” 77-82.